СИ АДЭ Черим Нахушев - А.Лиев -
Список песен исполнителя Черим Нахушев - А.Лиев -
Исполнитель:
Черим Нахушев - А.Лиев -
Название:
СИ АДЭ
Читали раз:
589
Текст песни:
Уэ гуф1эгъуэ умылъагъу Упсэуащ зеиншэу, си адэ, Уэ узэрыц1ык1урэ гугъу уехьащ. Сабий унэм ущап1ауэ, Гугъуехь куэд къызэбнэчауэ, Уи щ1элэгуэр к1уащ, Уи щхьэцыр тхъуащ. Быным укъыттеубгъуауэ, Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ, Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ. Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуауэм, Уи пщ1э лъагэм елъытауэ Мы уэрэдыр, си ад,э пхуэзусащ
Си адэ, зэик1 уэ ущыуакъым Си адэ, 1ем дыхуэбгъэзакъым. Уэ еда1уэ птеухуауэ уэрэд. Мыр урэдщ, мыр гъыбзэу стхакъым, Си гу имылъ къэзгупсысакъым. Дунейм сэрк1э уэр нахълъап1эр хэт?
Быным укъыттеубгъуауэ, Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ, Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ. Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуаэм, Уи пщ1э лъагэм елъытауэ Мы уэрэдыр си адэ пхуэзусащ.
Уэ гуф1эгъуэ умылъагъу Упсэуащ зеиншэу, си адэ, Уэ узэрыц1ык1урэ гугъу уехьащ. Сабий унэм ущап1ауэ, Гугъуехь куэд къызэбнэчауэ, Уи щ1элэгуэр к1уащ, Уи щхьэцыр тхъуащ.
Быным укъыттеубгъуауэ, Псэм дыпэпщу уэ дыбп1ауэ, Гъащ1эм дызыхуер щыдыбгъэгъуэтащ. Уэ уи гъащ1эм хэлъа гуаэм, Уи пщ1э лъагэм елъытауэ Мы уэрэдыр си адэ пхуэзусащ.
Комментарии:
Добавить комментарий