Адыгэ нысэ унэ идошэ Аслан Кулов




Список песен исполнителя Аслан Кулов

Аслан Кулов - Адыгэ нысэ унэ идошэ

Исполнитель: Аслан Кулов

Название: Адыгэ нысэ унэ идошэ

Читали раз: 1099

Текст песни:

Адыгэ пшынэм щlыгур къыпэджэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Бжэlупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ,
Хъуэхъубжьэ усэр псэм зэхидзыжымэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Хьэзыр lупэхуу ди щауэ уардэхэм, уоирэ, уорирэ, уойра,
Ди лъэпкъ гурыщlэр я уэредадэмэ,
Дыгъэр зэхъуапсэр я дыщэидэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Гъатхэм и дахэр уэрам къыдихьэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Бжьыхьэм и бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ,
Къалъхуа мазэщlэр и нэмыс щыпкъэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

И фоужь матэр дадэ икъутэмэ, уоирэ, уорирэ, уойра,
Пшэплъыфэ lупэм хуахьыр фоущхьэмэ,
Фlыгъуэ къепхъыхыр уэшхыу къыттешхэмэ,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.

Ей жи, адыгэ лъахэ,
Ей жи, ди хабзэ дахэ,
Дарий lэщхьэху, къамэ lэпщэху,
Нэ фlыцlэ нэху, джэгу умыпсэху,
Адыгэ нысэ унэ идошэрэ, уоирэ, уорирэ, уойра.



Комментарии:

Добавить комментарий